Шрифт:
Щ?эныгъэр ходэ, хэти к?эрыпщ?эркъым, хэти къехъул?эркъым. Техутэ къехъул?энут сурэтыщ? ?эзэ хъуныр, ерыщу бгъэдэтамэ, хъуапсэр къытек?уамэ. Щхьэусыгъуэ лъыхъуащ, еджап?эм имыгъэзэжын папщ?э. Абдеж щежьэри, и гъащ?эр зэпэныкъуэу ек?уэк?ащ: щ?эныгъэ ныкъуэ, лэжьап?э ныкъуэ, насып ныкъуэ. Техутэ и гъащ?эм купщ?э хэзылъхьэжар, зэрымыщ?эк?э къыщыжак?уэ хъуну ежьэу, лъэпкъым дежк?э лъэк?ыныгъэ и?эну зыщыгугъ Нэсрэн дуней мамырым къызэрытринар аращ. Техутэ сабийуэ игъэжа ят?агъуэш къомыр жэщ уэлбанэ бзаджэм зэхигъэшыпсыхьыжауэ нэху къыщек?ам, а щ?алэр «псэук?э зыщ?эхэм» зэрыхимыубыдэнум гу лъыдигъатэ хуэдэт. И дэтхэнэ лъэбакъуэри къыгуро?уэж, и щыуагъэхэмк?и зыщымысхьыжу зыкъеумысыж, зегъэкъуэншэж, ауэ абы щхьэк?э къехъул?эр нэхъыбэ хъуркъым, гъащ?эм здригъабэмк?э ебэурэ къогъуэгурык?уэ. ?эдэм гъусэ хуэхъуа нэужьщ Техутэ и гупсысэм зыщиубгъур, къыгуры?уэр нэхъыбэ щыхъур. Романым еджэм гузэгъэгъуэ хуэхъуну п?эрэ Техутэ щхьэ бжыгъэу дунейм зэрытемытар ?упщ? зыщ? ?уэхугъуэхэм щыгъуэза нэужь?
Персонаж гъэщ?эгъуэнщ Улэ. И теплъэк?и и хьэл-щэнк?и удэзыхьэхыу къыхохьэ романым, ауэ къэзылъхуа анэм деж щегъэжьауэ щхьэгъусэ хуэхъуам деж щиухыжу, псори Улэ хуэмык?уэ хуэдэщ, имыгуэгъущ. Ц?ыхубзыр еджагъэшхуэкъым, зригъэпщэн хуэдэу щы?эк?э зэщымыщхэми щыгъуазэкъым, ауэ и гум зыгуэр къелъыхъуэри, ар игъуэтыркъым, а имыгъуэт езыри зыщымыгъуазэр къы?эрыхьауэ къилъытагъэнут псори къызэринэк?ыу урыс щ?эныгъэл?ым и гъусэу щежьэжам. Здэк?уам щызэгъащ, хэзэгъащ, и дуней ?ыхьэ иубыдыжащ. Ипхъу закъуэр дауэ къигъэна, дауэ игу пык?а? Абы и жэуапри игъуэтынущ щ?эджык?ак?уэм. Улэ дежк?э Мэзкуу к?уэуэ гунэс зыщыхъуа ц?ыхум дэпсэуныр, щ?эныгъэк?э, къэухьк?э абы зыдиужьыныр «щ?эк?ып?эт», «щ?эпщып?эт», дунеит?ым я зэпылъып?эт. Къигъуэтащ, къехъул?ащ.
Техутэрэ Майерэ я зэхущытык?эр, абы зэрызиужьыр, зыхуэк?уэр сюжетым и линие нэхъ гъэщ?эгъуэнхэм щыщщ. Пэжыныгъэм, гурыщ?эм и быдагъым, къабзагъым я уасэр къызыхэщщ мы л?ыхъужьит?ым я гъуэгу зэтеублэк?ар.
Сытым щыгъуи хэк?ып?э къэзылъыхъуэ, и акъылым къызэриубыдк?э ик?и къэзыгъуэт ц?ыхуу долъагъу Нуцэ. И сабиигъуэм щегъэжьауэ, зэрыжа?эу, и щ?акхъуэ ?ыхьэр езым къигъуэтыжын хуейуэрэ къэтэджа хъыджэбзым сыт хуэдэ ?эмалри къегъэсэбэп и ?уэхур дигъэк?ын, зыхуейм и ?эр тригъэхуэн папщ?э. Нуцэ и л?ыгъэк?эщ и анэ Галинэрэ нэчыхьыншэу дунейм къытехьа щ?алэ ц?ык?умрэ унагъуэу зэрыт?ысыжыр. Хъыджэбзым езым къыхехыж псэуэгъу хуэхъунур, я псэуныгъэр к?ыхь мыхъуами. Анэм ещхьу, Нуци бын игъуэтащ, унагъуэ имысу. Иджы, ек?уэк? лъэхъэнэм къек?ур аращи, щэн-къэщэхуным хыхьащ, и хьэлыр къэплъытэмэ, къехъул?эну ущыгугъ хъунущ. Адрей дунейм щызек?уэ гуащ?эхэр зылъэ?эсхэм Нуцэ хиубыдэркъым. Хъыджэбзыр хуэщ?акъым гъащ?эр зэтес щ?ыным ел?эл?эным, абы и гупсысэм къриубыдэр и щхьэ ?уэхур аркъудейщ. Таурыхъми, хъыбарми, дунейм щызек?уэ гупсысэми анэ нэсыр къызэрыхэщым хуэдэщ Жануэс. Пхъашагъи, гурымыкъагъи, тк?иягъ лъэпкъи зыхэмылъ ц?ыхущ. Псэ щы?утк?э, зыгуэри и жагъуэ мэхъу, ауэ ари игъэгъуну хьэзырщ. Жануэс и къуэ лъэхъуэщ хъуам къыщхьэщож, и нысэ урысыл?ым дэк?уэсам к?элъыпсалъэркъым, хущ?эджэркъым, «сабийр Пагуэ ейщ» жи?эу къихьу къыхуэк?уа Галинэ елъэстауэркъым. Жануэсщ Майе къезыгъэлыр, езым и псэр, и гъащ?эр тыхь ищ?у. Адрей дуней хъуэпсэгъуэм къик?ам ещхьщ мы ц?ыхубз гъэщ?эгъуэныр: жи?эри илэжьри нэхугъэ зыхэлъщ, и щхьэм тыншыгъуи, ф?ыщ?и, щытхъуи къыхуилъыхъуэркъым. Хуэныкъуэм и щхьэпагъ иригъэк?ыфмэ, арэзы мэхъу. И псэр щ?итащ, зи псэугъуэр къызэтринэн папщ?э. А тыхьыр игъэпэжу мэпсэу и къуэрылъху Майи. Анэшхуит?ри, сымаджэ хьэлъэу п?эм къыщыхэнэм, зэрихьэжащ, адэмрэ анэнэп?эсымрэ псалъэмакъыншэу ядогъуэгурык?уэ, къэзыгъэна и анэм гужьгъэжьгъ хуищ?ыркъым, Техутэ хуэпэжт, зыхищ?ык? зыпытт. Майещ ?эдэм и дэ?эпыкъуэгъур, Щ?эплъып?эм пэгъунэгъу хъуныр дэзы?ыгъыр. Хуабжьу псэк?э гугъу ехьащ а хъыджэбзыр, адрейхэм ямы?э щ?эныгъэ нэхур и?эным папщ?э. Пэлъэщащ гугъуехьми, къилэжьащ. Иджы зытелажьэр нэхугъэр нэхъыбэу щы?энырщ. Езы ц?ыхур иджыри абы хуэхьэзыркъым, егъэджак?уэ яхуэхъун хуейщ, щ?эгъэхъуэпсыныр, абы щхьэк?э гуащ?э етыныр Майе и пщэрылъщ.
Нэгъуэщ? дуней зэрыщы?эр, мы дунейр къезыгъэлыну хэк?ып?эр абы къызэрик?ынур къагуры?уэу телажьэр е хуэлажьэр ?эдэмрэ Майерэщ. Т?ум я гъащ?эри дунеит?ми епхащ. Я щхьэр я ?уэхукъым, мылъку къик?ып?э къалъыхъуакъым. Ахэр зыхуейм уасэ и?этэкъым. ?эдэм блэбэкъук?ыу хэк?уэда нэужь, Майещ Нэсрэн щ?эныгъэ иритыфыну къэнар. Шэч хэлъкъым хъыджэбзыр лъэк? къимыгъанэу и дэлъхум зэрыдэ?эпыкъунум. Нэсрэн мыщхьэх закъуэмэ, и къэухьыр мы?узэмэ. Мыбдежым щ?эджык?ак?уэм къыхуэнэр гугъэщ. Лъыхъуэм къегъуэт. Дэпщэщми, зэ къегъуэт.
«?уащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр зэрытха бзэ гуры?уэгъуэмрэ сюжет гъэщ?эгъуэнымрэ къэплъытэмэ, зи щ?алэгъуэми зи ныбжь к?уэтами ягу нэсын тхылъщ.
Хьэц?ык?у Рае, тхылъым и редактор
СЫМЫЩ?ЭР КЪАСЩ?ЭУ
Мыр си япэ прозэ тхылъщ. Сыкъызэрац?ыхур усак?уэущ, драматургыущ, усэ тхылъий си?эщ.
Роман стхыну сытезыгъэгушхуар, абык?э къысщыгугъар Нинэщ, адыгэ тхак?уэ Щоджэнц?ык?у ?эдэм ипхъу, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэрал литературэмк?э и кафедрэм куэдрэ щылэжьа си ныбжьэгъу нэхъыжьырщ. Си жагъуэ зэрыхъущи, романым щыщу ?ыхьэ щанэращ Нинэ зэхихар – макък?э сыкъыхуеджащ, и нэм илъагъужыртэкъым, сымаджэт. Си егъэджак?уэр къызэрысщыгугъыр ди литературэм щ?э гуэр хэслъхьэну, тхыгъэ щ?эщыгъуэ утыку къислъхьэну арат. Зэдэ?уар игу ирихьауэ жи?ащ. Тхыгъэр и жанрк?э сытым нэхъ хуэк?уэрэ жыс?эу сыщеупщ?ым: «Хьэуэ, авторский мифу къыумыгъэлъагъуэ, мыр магический реализмщ», – жи?ащ. Сэ япэрейм нэхъ хуэзгъак?уэрт, ауэ литературэм зи гъащ?эр хуэзыгъэпса профессорым ф?ищам арэзы сытехъуащ.
2020 гъэм щ?эздзэри, илъэсищк?э селэжьащ романым. Зэрыт жанрым къыпщигъэхъунк?э хъунущ псори къэзгупсысауэ. Пэжым (фактым) щыщу хэтщ, псалъэм папщ?э: нэмыцэхэр ?уащхьэмахуэ и щыгу зэрыдэк?ар, ?уащхьэмахуэ лъапэ Шамбалэ щ?ып?эр абыхэм къызэрыщалъыхъуар, Тибет къраша ламэхэр. А псом зэгъэу?уауэ мызэ-мыт?эу сыкъыщеджащ Котляров Виктор и ?эдакъэщ?эк?хэм. Ди щ?ып?эхэм якъуэлъ щэхухэмрэ хъыбархэмрэ, илъэс пщ?ы бжыгъэ хъуауэ, жыджэру ик?и гъэщ?эгъуэну къе?уэтэж Котляровым, абы куэдк?э и ф?ыгъэщ сэри абыхэм сызэрыдихьэхар.
Тхылъым и редактор Хьэц?ык?у Рае лэжьыгъэр сыухыху дэ?эпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу къысхуэхъуащ.
Жэнхъуэтекъуэ щыщ Бэтит? Мухьэмэд ф?ыщ?э хузощ? ди щ?ып?эц?эхэм теухуауэ зыхищ?ык? куэдым щыщ къызэрысхуи?уэтам, щыуагъэ зыбжанэм гу зэрылъызигъэтэжам щхьэк?э.
Ди ?уащхьэхэм, къуэхэм, псыхэм теухуауэ сызыщыгъуазэр зэрымащ?эр сигу къоуэ, нэхъыбэ къэсщ?эну согугъэ.
Прозэ тхынми дяпэк?э нэхъ сыпылъынущ, мы тхылъымк?э езгъажьэу къысщохъу прозэм и ?уэхур.
Къаныкъуэ Заринэ
Си егъэджак?уэ Щоджэнц?ык?у Нинэ
и фэеплъщ
ПЭУБЛЭ
Техутэ къе?уэтэж
Къалэкум тхьэмахуэм зэ щызэхыхьэрт хьэпшып т?орысэхэр щащэж бэзэр ц?ык?у. Куэд лъандэрэ абы зы л?ыжь щ?акъуэ къак?уэрт, бгъэхэ?у зэмыл?эужьыгъуэхэр и?ыгъыу. Ямыщэхуу къыхуинауэ зы яхэлът абыхэм. ?уащхьэмахуэ и сурэтыр тету зэрыслъагъуу, ар си нэм къыф?энащ. Къасщтэри зэпэсплъыхьащ: бгы щыгу дыкъуакъуэ къэц?ыхугъуаф?эм нэмыщ?, ди ?уащхьэмахуэ лъапэ къыщык? а?уей шейр тетщ, альпинист ?эмэпсымэхэри къытощ. А псор зытещ?ыхьыжар Урысеймрэ Германиемрэ я къэрал ныпхэрщ, зы к?апэм нэмыцэ жорыр, адрейм советскэ вагъуэ плъыжьыр тетрэ нып к?апит?ыр зэхыхьэжу. Бгъэхэ?ур щ?ащ?амрэ къыщыдэк?амрэ кърипщ?эу «?уащхьэмахуэ – зэк?ужып?э» жи?эу тетхащ, 1992 гъэри к?эщ?этхащ. И хьэпшыпым хуэсщ?а гулъытэм къигъэгуф?эжауэ, л?ыжь ц?ык?ум псынщ?эрыпсалъэу ар къыздик?ар къысхуи?уатэрт. Зэрыжи?эмк?э, бгъэхэ?ухэр бжыгъэк?э куэд мыхъуу 1992 гъэм къыдагъэк?ри Мюнхенрэ Мэзкуурэ щагъэлъэгъуат, дунейпсо тхыдэм дежк?э щхьэпагъ зыпылъ ?уэху пыухык?ат зращ?ыл?ари: 1943 гъэм ?уащхьэмахуэ и щыгу зи ныпыр дэзыхыу щыхэзыт?а нэмыцэхэмрэ абыхэм япэщ?эта советскэ зауэл?хэмрэ ящыщу псэужхэр ?уащхьэмахуэ лъапэ щызэхуэзэу ищхьэм дэк?ыну арат, зэрызэк?ужам, нобэрей гъащ?э мамырыр зэрагъэлъап?эм и щыхьэту. Ар ик?и къэхъуащ, лъэныкъуит?ым щыщу хэтахэри зэхуэарэзыуэ зэбгрык?ыжащ. Л?ыжьым а псор щ?ищ?эр альпинисту и щ?алэгъуэр ихьати арат. Хьэпшып ц?ык?ур къэзмыщэхуми, сызэредэ?уа къудейм зейр щыгуф?ык?ынут, ауэ сэ ар зы?эщ?эзгъэк?ынутэкъым: ?уащхьэмахуэ теухуа псори зэрысф?эгъэщ?эгъуэным нэмыщ?, 1992 гъэм къызэрыдэк?ам бгъэхэ?ур сэрк?э нэхъри хьэлэмэт ищ?ат.